Къербэч и гъыбзэ - Хаждал Кунижев

Описание к видео Къербэч и гъыбзэ - Хаждал Кунижев

"Къербэч и гъыбзэ" в исполнении Хаждала Кунижева - народного артиста КБАССР.

"Къербэчым уи ныбжьэгъу пэжыри, уой,
Гуауэшхуэм сызэщlеlулlэр,
Къэхъуахэм фыщlэмыупщlэми, уой,
Си гъыбзэм фыкъыщlэдэlу мыгъуэт уей.
Къишати си ныбжьэгъу закъуэми, уой,
Уэй тlокlэ нызэрыдошэ,
Щауэщlэм и япэ жэщыми, уой,
Нысащlэр фызабэу къонэри, уей.
Тхьэlухудым зыщимыгъэнщlурэ, уой,
Къербэчым ныщебзэрабзэр,
Бзэджащlэм я фоч лъэдакъэмкlэ, уой,
Лэгъунэбжэр нытыракъутэри, уей.
Къербэчым и хэтlэ хэсэри, уой,
Губгъуэжьым щерегъэкlуэкlыр,
Нысащlэр зыхуэгузавэри, уой,
А жэщым къимыгъэзэж мыгъуэм, уей.
Сэрмахуэ уи шыгъуэ цlыкlури, уой,
А махуэм шы щхьэ мыгъазэт,
Къербэчым къэбгъэзэжынкlэрэ, уой,
Нысащlэр къыпщыгугъа мыгъуэт, уей.
Ди нысэм уи лэрыпс цlыкlури, уой,
А махуэм къызэролъэлъыр,
Нэпс гуащlэр къыпфlелъэлъэхыурэ, уой,
Лэгъунэм укъыщlашыж мыгъуэр, уей."

Комментарии

Информация по комментариям в разработке