HAGAUJ (ХЬЭГЪЭУДЖ ГУП) - BRANDOO - БЫРАНДУ (official music video)

Описание к видео HAGAUJ (ХЬЭГЪЭУДЖ ГУП) - BRANDOO - БЫРАНДУ (official music video)

The story about BRANDOO- the knight which was betrayed by his esquire.

Андзорыжь и уэрэд народная песня

(из книги З.Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр")

ТЕКСТ:
Бырандури шууфlкъэ,
Мафlэм хуэдэр и lэщэт.

Пызыгъэщкlыр и джатэ,
Пызыкъутри и шащхьэщ.

Тесми уанэр шэдыбжькъэ,
Чысантыжькlэ ныдокlыр.

"Угъурлыжьыр" и пщафlэт,
Теуэгъуэфlи ныщикlукlэ.

Андзорыжьыр йопсыхкъэ.
Андзорыфlыр жейхуэлlи.

Сыхьэт плlанэк1э щхьэукъуэщ.
И гъусэф1ыр къощэжи.

И сэшхуэфlыр къырехкъэ,
И сэшхуэдзэр lуехъук1къэ

И фочышхуэр къырехкъэ,
Щтэр зыдэлъыр жьэдехкъэ

Сагъындакъыр къырехкъэ,
Сагъындакъыпэр пещlыкlкъэ.

Андзорыфlыр къоушкъэ,
"Накlуэ!" жери мэшэскъэ.

Теуэгъуэфlхэр ныщикlукlэ
Фlыцlагъэбэр къелъагъукъэ.

И фочышхуэр къырехкъэ,
Щтэр зыдэлъыр lутыжкъым.

Сэгъындакъыр къырехкъэ,
Сэгъындакъыпэр пытыжкъым.

И сэшхуэфlыр къырехкъэ,
И сэшхуэдзэр lутыжкъым.

Бырандури шууфlкъэ,
Андзорыфlри кlуэдыжкъэ.

Комментарии

Информация по комментариям в разработке